Cover

Leseprobe

Дауэ уафэм
сызэрихьэнур?

Ц1ыху куэд, уеблэмэ я дунейр зэраухыным егупщысхэри, зэупщ1ыжкъым гъащ1э мык1уэщ1ым ик1и я нэгу къыщ1агъэхьэркъым я пкъыр л1а иужьк1э ахэм Тхьэм и гъусэу гъащ1э мык1уэщ1 зэра1энур къазэрыпэщылъым, е ену л1эуэрэ жэхьэнэмэм зэрыщы1энухэм. Америкэм щыщ бзылъхугъэ Дрю Берримор илъэсибл ныбжьым иту «Нэгъуэщ1 планетэл1» фильмым щыджэгури ц1эры1уэ дыдэ хъуауэ щытащ. Илъэс 28 хъуауэ (езыр 1975 гъэм къалъхуащ), абы жи1ащ: «Си джэдум япэ сэ сыл1эмэ, си хьэдэр абы ирешх. Апхуэдэу, джэдум и пкъым сыхэт нэхъ нэмы1эми, адэк1э сыпсэунщ». Шынагъуэкъэ апхуэдэ щ1эныгъэншагъэр ик1и делагъэ гупщысэк1эр ажалым ехьэл1ауэ?

Исус и махуэхэм деж Абы къыхуэк1уэхэрт ц1ыху куэд. Ахэр псори зыхуэлъа1уэр щ1ылъэм щыпсэуным ехьэл1а 1уэхугъуэхэт:

• Шын-уэтэпсым зэщ1ищта ц1ыхуипщ1ыр хъужыну хуейт (Лук. 17:13);

• нэфхэр къэплъэжыну хуейт (Мат. 9:27);

• зыгуэр дэ1эпыкъуэгъу хуейт адэ щ1эиныр гуэшынымк1э (Лук. 12:13-14):

• гъэунэхуак1уэ нэпц1хэр хьилагъэу щ1эупщ1эхэрт: пащтыхьым хьэкълыкъыр етын хуей, хьэмэрэ хуэмей? (Мат. 22:17).

Ик1и мащ1э дыдэт Исус къыхуэк1уэр Абы къеупщ1ыну уафэм зэрихьэнухэмк1э. Зы щ1алэщ1э гуэр къылъыхъуэрт Исус упщ1э къритыну: «Егъэджак1уэф1! Сыт сщ1эн хуейр гъащ1э мык1уэщ1 къэслъэщын папщ1э?» (Лук.18:18).

Impressum

Tag der Veröffentlichung: 19.08.2018

Alle Rechte vorbehalten

Widmung:
Ц1ыху куэд, уеблэмэ я дунейр зэраухыным егупщысхэри, зэупщ1ыжкъым гъащ1э мык1уэщ1ым ик1и я нэгу къыщ1агъэхьэркъым я пкъыр л1а иужьк1э ахэм Тхьэм и гъусэу гъащ1э мык1уэщ1 зэра1энур къазэрыпэщылъым, е ену л1эуэрэ жэхьэнэмэм зэрыщы1энухэм. Америкэм щыщ бзылъхугъэ Дрю Берримор илъэсибл ныбжьым иту «Нэгъуэщ1 планетэл1» фильмым щыджэгури ц1эры1уэ дыдэ хъуауэ щытащ. Илъэс 28 хъуауэ (езыр 1975 гъэм къалъхуащ), абы жи1ащ: «Си джэдум япэ сэ сыл1эмэ, си хьэдэр абы ирешх. Апхуэдэу, джэдум и пкъым сыхэт нэхъ нэмы1эми, адэк1э сыпсэунщ». Шынагъуэкъэ апхуэдэ щ1эныгъэншагъэр ик1и делагъэ гупщысэк1эр ажалым ехьэл1ауэ?...

Nächste Seite
Seite 1 /